Уикипедиэ:Ӏаплъэпкъым и картэм узэреджэн хуэр

Таксономиэблыпкъ (ин-бз. taxobox) — зэгъэзэхуауэ, кӀэкӀыу къэӀохугъуэ нэхъышъхьэхэр здит тхылъым и лъэныкъуэгъуэ, иджырей шъэныгъэ классификациэм къэлъытэгъуэ зэрыратымкӀэ организымым иэ организым гупхэм. Таксономэблыпкъым къудамэ амал иӀуи хэтыфыну, згуэрэхэр хэгъэкӀауи щытыфыну:

  • псэлъашъхьэ;
  • систематикэмкӀэ и пӀэмрэ, таксоным и классификациэмрэ;
  • таксономиэм хэт къэӀохугъуэхэм я хъыбарышъэ техьэпӀэхэр.

Псэлъашъхьэр

Псэлъашъхьэ къудамэм цӀэмрэ сурэтымрэ хеубыдэ.

  • Блыпкъым и цӀэуэ итыр нэхъ цӀэрыӀу адыгэбзэм хэт псалъэра, адыгэбзэм апхуэдэ имыӀэмэ, латин псалъэкӀэ зэрехъуэкӀ! Дэмыгъэ «†» игъэлъагъуэр таксоным ит лӀэужъыгъэхэр дунем зэртемытыжьхэр.
  • ЛӀэужъыгъуэ гуэрэхэм шъхьэкӀэ хъумэным зэркӀэтхэр игъэлъэгъуэфыну.
  • Нэхъ хэшъыкӀыгъуэ езытыфын лӀэужъыгъуэм ящыщым и сурэт.

Систематикэм и пӀэмрэ классификациэмрэ

  • Шъэныгъэ классификациэ — а къудамэм игъэлъагъуэр шъэныгъэмкӀэ дыраубыдауэ дунейпсом организым гупым я классификациэ, тхыгъэм теухуауэ зытепсэлъыхьыр.

Таксономиэр тэрэзу зэгъэзэхуауэ шъэныгъэм щымытмэ, чэнджэшыгъуэ ирагъэкӀуэкӀ иэ зэрахъуэкӀыр, къудамэм ирагъэувэр иджырей гурыӀуэгъуэ щыӀэр, лъэшыгъуэ иӀу классификациэ, мыхъумэ яужыреуэ гупшысыгъуэ шъэныгъэм хэтхэракъым.

  • Къудамэм и сэмэгурабгъум таксоным и къэтхэр гъэлъэгъуа, я цӀэхэр ижьырабгъумкӀэ япэщытху.
  • Латин цӀэр — таксоным даубыдауэ щыт шъныгъэцӀэ, латиныбзэмкӀэ къалъытауэ щытыр. ЛӀэужъыгъуэм и тепсэлъыхьыгъуэм дежь и цӀэр лъэпкъ зыщыщымрэ яужкӀэ лӀэужъыгъуэ зэхэкӀыгъуэ иӀурэ ирагъэувэ.
  • Латин цӀэм и ижьырабгъумкӀэ зи Ӏэдакъэ къыкӀэкӀам и цӀэр итыфыну, япэреуэ а цӀэр къэзӀохуам лӀэужъыгъуэм и тепсэлъыхьыгъуэр дэкӀыгъу (е тепсэлъыхьыгъуэ щыӀэгъыхэм диубыду).

Абым пэмыкӀыу Таксономиэблыпкъым и фэмкӀэ къэохугъуэ зэрехьэ:

Таксономиэм и шаблоным и фэм организым зытепсэлъыхьым теху щыт:
  • Тхьэмбылыфэху (pink) — Псэушъхьэхэр
  • Удзыфэ (lightgreen) — КъэкӀыгъэхэр
  • ШхъуантӀэху (lightblue) — Ӏэргъэбэгухэр
  • Псыфэху (gainsboro) — Бактериэхэр
  • Псыфэ (silver) — Архейхэр
  • Хаки (khaki) — Протистхэр
  • Тхьэмбылыфэ (violet) — Вирусхэр